Перевод: со всех языков на русский

с русского на все языки

жьы кхъухь

  • 1 жьы

    I 1. старый, ветхий
    / Ныбжьышхуэ зиIэ, куэд щIа, кхъахэ.
    Унэжь.
    2. старый, престарелый
    / Зи ныбжь хэкIуэта.
    ЛIыжь. Фызыжь. Жэмыжь. Шыжь.
    * БетIал занщIэу гу лъитащ Радион Михайлович.. жьы зэрыхъуам. Ш. А.
    3. недействительный, негодный; использованный
    / ЗемыкIуэж, мыхьэнэ зимыIэж.
    Ахъшэжь.
    4. старинный; устаревший
    / Пасэрей, япэрей.
    Уэрэдыжь. Хабзэжь. Къафэжь.
    {И} жьы хъугъуэ на склоне лет.
    II 1. воздух
    / Хьэуа.
    * Пшапэр щызэхэуэм ирихьэлIэу, пхъэ куэд зэхуэтхьэсри мафIэшхуэ тщIащ, ди щIакIуэхэр дыубгъури и хъуреягъкIэ дыкъегъуэлъэкIыжащ. Ар сыт хуэдэу тхъэгъуэт, жьы къабзэм ухэлъу. Къ. З.
    2. ветер
    / Хьэуам и зекIуэныгъэ.
    * ЩIыбым къызэрыщIэкIыу жьы щIыIэтыIэ къыкъуэуам я напэхэр къахуилъэщIащ, жыг тхьэмпэхэм я Iущащэри жыжьэ къыщыIуащ. Къу. С.
    {Гум} жьы дихужын см. гу II.
    Жьы зыщIэт энергичный, живой ( о человеке).
    * Зулижан жьы зыщIэт цIыхут. Къ. Хь.
    Жьы зыщIегъэхун выйти на свежий воздух, проветриться.
    * Жьы зыщIригъэхущ, зигъэпсэхури, Леонид Петрович нэжэгужэу унэм къыщIыхьэжащ. Iуащхь.
    Жьы зыIурыгъэхьэн передохнуть.
    * Ешахэр жьы зыIурагъэхьэну къыщIэкIырт. ГуфIэгъуэ. ФIанэр мыдэ къызэти, жьы зыIурыгъэхьэ. Зы б. з.
    Жьы къабзэм хэтын дышать свежим воздухом.
    {И}жь къыщIихун испытать на себе чье-л. влияние.
    Жьы темыгъэпсэн совершить, сделать что-л. быстро, моментально.
    Жьы темыпсэу быстро, мгновенно.
    Жьым тесу псым епыджын озорничать (букв. сидя на ветре, воду бодать).
    {И} жьыр щIэпщэн = {и}жь къыщIихун.
    * Уэ залыму уэ кхъуэ жьакIэм уи жьыр псоми ящIэпщащ. фольк.
    Жьы щIэтын с огоньком.
    Жьы щIегъэхун просторечие промотать, растранжирить, пустить на ветер.
    * Сабийр щIыбым щIэхауэ жьы къабзэ Iурыгъэхьэн хуейщ. Iуащхь.
    жьы зэпепщэ см. жьы зэпеуэ.
    жьы зэпеуэ сквозняк
    / Зэтауэ щыт щхьэгъубжэ, бжэ Iухахэм, IугъэзэщIыкIахэм я зэхуаку щызэприху жьы.
    * Абдеж жьы зэпеуэщи жьыщIыгъэр фIыуэ гъущынщ. Iуащхь.
    жьы ихупIэ отдушина, вентиляционное отверстие
    / Жьы кIуапIэ, жьы дэхупIэ.
    жьы кIэрахъуэ см. гъуэжькуий.
    жьы кхъухь парусник
    / ЖьыкIэ зекIуэ кхъухь.
    жьы щхьэл ветряная мельница
    / ЖьыкIэ лажьэ щхьэл.
    жьы Iурыхьэгъуэ передышка
    / БэуапIэ.
    Жьы Iурыхьэгъуэ гъуэтын передохнуть, получить передышку.
    * Жьы Iурыхьэгъуэ зэригъуэтыххэу къыщIолъэдэжри псыр къыпыжу щIопхъуэ аргуэру. Щ. I.
    III ранний ( о времени)
    / Пасэ.
    * Пщэдджыжьыр жьы пэтми, колхоз правленэ бжэIупэм цIыху куэд щызэхэтт. КI. Т. Дуней уфам пщэдджыжьыр иджыри жьы дыдэу къыпфIигъэщIырт. Къ. Хь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > жьы

  • 2 пэ

    1. нос
    / Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэу зэрыпамэу икIи зэрыбауэу цIыхум и напэм, нэгъуэщI псэущхьэхэми я нэкIум хэтыр.
    Пэ кIыхь.
    2. клюв
    / Къуалэбзухэм, джэдкъазхэм я жьэр щиухым пыт къупщхьэхэр.
    Къазыпэ. Бзуупэ.
    * Уащхуэм еджэу джэдыр кIуийуэ Дыдым хуэдэу и пэр хеIу. Б. Ф.
    3. передняя носовая часть чего-л.
    / Зыгуэрым и къыщIэдзапIэ Iыхьэ.
    Кхъуафэжьейм и пэ.
    * Нил щхьэ фэкъур пэкIэ ибзуэ Кхъухь ин гуэрым дретхъуей. КIу. Б.
    4. кончик, острие
    / КIапэ, папцIапIэ.
    * БжэIупэм зы чы къурагъ ин гуэрым и пэм хъуржыныр пипхэри Хъуэжэ хитIащ, зыдэкIуэм нэсу къэсыжыху илъагъун хуэдэу. Къэб. фольк.
    5. в знач. предлога с род. пад. впереди кого-чего-л.
    / Зыгуэрыр уи ужьу, уи кIэ иту.
    И пэ илъэдэн. И пэ иту кIуэн.
    6. начало чего-л.
    / КъегъэжьапIэ, къыщIэдзапIэ.
    * И пэр умыщIэу и кIэр пщIэркъым. (погов.) Фэ фи хасэм си къыхыхьэ и пэр хъуэхъуу, и кIэр хъуанэу.. тхьэм имыщIкIэ. Нарт.
    * Уахьмакъыу, уи пэ лъы ивэжауэ дунейм утетмэ, абы {Нурхьэлий} къыщыщIам гу лъыптэн? Iуащхь. ПэкIэ къешэкIын водить кого-л. за нос.
    * - Сэ пэкIэ сыкъевмышэкIыу си бохъшэр къысхуэвгъуэтыж! - жеIэ Тыкъыр. Щ. Т. ПэкIэ псы ефэн быть глупцом (букв. пить носом воду).
    * Пэжщ, Нурхьэлий абы хуэдиз бзаджагъэ хэлъкъым, ауэ пэкIэ псы ефэркъым. КI. А. ПэкIэ {пэнцIывкIэ} щIегъэфэн (щIегъэсэн, щIегъэхуэн) = пэкIэ щIыр егъэвэн. ПэкIэ щIыр егъэвэн заставить кого-л. пропахать землю носом.
    * Щыгъэт, Астемыр, пэкIэ щIыр уэзмыгъавэмэ, си тхьэрыIуэщ. Iуащхь. И пэм изэрыхьын случайно оказаться перед кем-л. (о животных, о человеке). Пэм ипкуэным хуэдэу щабэ необычно мягкий. И пэм кърихун исходить от кого-л. (напр. о слухе).
    * Псом ящхьэр зи пэ кърихур Бэхъукъуэмрэ Алыджэмрэ я гупырщ. КI. Т. {И} пэм (и пащхьэм) къизэрыхьын = и пэм изэрыхьын. {И} пэм лъы къихун разбить кому-л. нос до крови. Пэм мафIэ бзий кърихун метать искры. Пэр дэгъэзеин задирать нос. Пэр дэкъеин = пэр дэгъэзеин. Пэр дэлъэфеин 1) шмыгать носом 2) переносное напускать на себя жалкий вид. Пэр зэкIуэцIынэн заложить - о носе. И пэр иджыри хуэлъэщIыжыркъым нос не дорос. Пэр икъэн = пэр дэгъэзеин. И пэр имылъагъужыху (ефэн) напиться до положения риз. Пэр кудэн ударять в нос (о резком, неприятном запахе). Пэр къижын течь - о соплях. Пэр къилъэфын сморкаться. И пэр къыпыхун повесить нос.
    * КъыщIыхьар кIуэри и щхьэр егухауэ, и пэр къыпыхуауэ стIол кIапэм деж тIысащ, фIэхъуси сэлами щымыIэу. Къ. Хь. Си пэр позгъэупщIынщ клянусь! (букв. дам свой нос отрезать, если..).
    * {Долэт:} - Къэрал пхъуантэм} щхъухь ирамыхьамэ си пэр позгъэупщIынщ. Iуащхь. Пэр хэIун совать ( свой) нос куда-л. И пэр хуэлъэщIын утереть нос кому-л.
    * Абы и пэр хуэлъэщIын хуейщ, армыхъумэ тIэкIу зыкъыфIэщIыж хъуащ. Къэб. И пэр щIивэн споткнуться; потерпеть неудачу.
    * Хэт и фIэщ хъунт а къэхъуар къэхъуну, хэт и гугъэнт Долэт лъэпэрапэу и пэр щIивэну. КI. А. Пэр щIым хущыхуэн показать, где раки зимуют (букв. тереть нос о землю).
    * ПхуэзгъэпцIащ, а уи пэр щIым пхущызмыхуэмэ, щыгъэт, уи мыIуэхуми уи бэлагъ хыумыIу. Iуащхь. {И} пэр щIым щыхъуэн = пэр щIым хущыхуэн.
    пэ вей засохшие сопли
    / Пэшын Iув, пэшын гъуа.
    пэ гъуанэ ноздри
    / Пэм иIэ гъуанэ щыбауэкIэ жьы эрыкIуэр.
    пэ кIуэцI внутренность, полость носа
    / Пэм и кум щыIэхэр, и кIуэцIым итхэр.
    Пэ кIуэцIыр къихун.
    пэ тIей курносый
    / И щхьэмкIэ худэкъея пэ, пэтIинэ.
    пэ Iушэ кривоносый
    / Зи пэр мызахуэ, лъэныкъуэкIэ ешэкIа.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > пэ

См. также в других словарях:

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»